Презентация по кабардинскому языку по теме "Зэпэщ1эзых ы" 2класс
Cкачать презентацию: Презентация по кабардинскому языку по теме "Зэпэщ1эзых ы" 2класс
Презентация по слайдам:
Слайд #1
Адыгэбзэ 2 класс
Шэджэм Езанэ къалэ и етхуанэ курыт еджапIэм и егъэджакIуэ К1урашын Ф.Хь.

Слайд #2
Мурадхэр:
4
I
2
3
Хьэрф ы-р зэпэщIэзых дамыгъэу къызэрыкIуэр ягъэщIэн.
Диалогым хыхьэфу, упщIэхэр ятыфу, упщIэхм жэуап иратыфу, тIурытIу е гупым щыхэтым ядэлэжьэфу гъэсэн
Пэжырытхэ хабзэхэр яубзыхуфу гъэсэн
Псалъэухамрэ тхыгъэмрэ (текстымрэ) зэхэгъэщхьэхукIыныгъэм егъэсэным пыщэн

Слайд #3
Словарнэ лэжьыгъэ
Хъудыр -
нартыху хьэжыгъэ, хуэнщIей сыт
хуэдэ хаудэу ящIа хьэнтхъупс
Бэкхъ -
Iэщ щIэтIыпэ, жэмэщ
Къамыл -

Слайд #4
Псалъэжым и мыхьэнэр къыжыIэн, орфограммэхэр къэгъуэтын
Насып зимыIэм и дзэр хъудырым IуищIыкIыу мэпсэу.
Дигу къыдогъэкIыж: у-м иужь зэи ы- ятхыркъым
У-м ипэ ы птхы хъурэ? КI-мрэ у-мрэ ы дэмыту дыкъевгъаджэт! Сыт къэхъур? Ы-макъыр зэхэтхрэ?

Слайд #5
Нобэрей ди темэр дывгъэубзыху иджы
ЗэпэщIэзых Ы
Хьэрф ы-р зэпэщӀэзых дамыгъэу къокӀуэ. Абы
щыгъуэ хьэрф ы-м макъ къигъэлъагъуэркъым,
къеджэркъым.
КӀэпхъыу, ицэкӀыу, къуаргъыу, шэрхъыу, сэхыу
псалъэхэм, апхуэдэ нэгъуэщӀхэми дыкъыщеджэкӀэ, ы-р къэтпсэлъыркъым.

Слайд #6
Ы-р макъзэпэщIэхыу хэтын хуей псалъэхэр къыхэхын
Лъэмыжыу
дэгуыу
еплъэкIыу
летчикыу
жызумыу
блихыу
гуахъуэкIыу
сакъыу

Слайд #7
Вывод щIын:
Ы-р хьэрфзэпэщIэхыу къыщыкIуэм деж къэтпсэлъыркъым;
Урысыбзэм къыхаха псалъэм хьэрфзэпэщIэхыу ы дэувэркъым.

Слайд #8
ТхылъымкIэ гъэлэжьэн
Нап. 24. лэжь. 39, 40 –жьэрыIуатэу
Нап. 25, лэжь.4I –тхыгъэкIэ
Лэжь. 42 –хъыбар цIыкIумкIэ упщIэхэр:
I)Дауэ бажэ цIыкIум къикIухьрэ?
2)Бажэр мыщэм ещхьу щIымахуэ псом жейрэ?
3) Дыгъужьым ещхь?
4) Сыт бажэм иIэр?

Слайд #9
Рефлексие
Си лэжьыгъэмкIэ сыарэзыщ
МыIейуэ сылэжьауэ къысщохъу
Урокым псори къызэгугъуэкIащ

Слайд #10
Iущыцэхэ!!!!!
